- •Содержание и структура тестовых материалов Тематическая структура
- •Адыгэ шхыныгъуэхэр
- •Адыгэхэм хьэщIэм ехьэлIауэ яIэ хабзэхэр
- •Нэхъыжьым хуащI пщIэр
- •Псалъэухам щагъэув нэгъыщэхэр
- •Нарт эпосыр
- •Адыгэ джэгукIэхэр
- •Адыгэ псалъэжьхэр нэгъэсыжын
- •Героические песни и предания
- •Псалъэр къызэрыхъу аффиксхэм я тхыкIэр
- •Паремиология и фразеология
- •Псалъэ гъэкIэщIахэм я тхыкIэр
- •ПсынщIэрыпсалъэхэр, къебжэкIхэр, нэщэнэхэр лексикэм (деловой, официальнэ документхэр)
- •Адыгэ бзылъхугъэ щэджащэхэр
- •Зауэм ехьэлIа лексикэр адыгэбзэм
- •Адыгэхэм я тхыдэр
- •Адыгэбзэм и лъапсэгъу бзэхэр
- •Адыгэбзэм и диалектхэмрэ говорхэмрэ
- •Адыгэбзэм и алфавитыр, абы и тхыдэр, макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ
- •Лексикэ. Синоним, амоним, антонимхэр
- •Жьы хъуа псалъэхэмрэ псалъэщIэхэмрэ
- •Жаргонизмхэр, полисимиер
- •НэгъуэщIыбзэм къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьа псалъэхэмрэ адыгэбзэм езым еиж лексикэмрэ
- •Стилистикэ
- •Адыгэхэм я фIэхъусхэр, абыхэм я мыхьэнэр
- •Лъэпкъым и календарь
Стилистикэ
443. Задание {{ 479 }} ТЗ 243 Тема 9-0-0
Бзэм и стилхэмрэ абыхэм я щытыкIэхэр къызыхэкI Iэмалхэмрэ едж
орфографием
стилистикэм
лексикэм
орфоэпием
444. Задание {{ 480 }} ТЗ 244 Тема 9-0-0
Книжнэ стилым хыхьэркъым
научнэ стиль
публицистическэ стиль
офицальнэ- деловой стиль (Iуэху зэрызэрахьэ стиль)
литературнэ-художественнэ стиль
къызэрыгуэкI псэлъэкIэр е нейтральнэ стилыр
445. Задание {{ 481 }} ТЗ 245 Тема 9-0-0
Речым и жанр зэхуэмыдэхэу статьяр, монографиер, зэреджэ тхылъыр, рецензэр, аннотацэр, лекцэр, докладыр къыхагъэкI
научнэ стилым
публицистическэ стилым
офицальнэ- деловой стилым (Iуэху зэрызэрахьэ стилым)
литературнэ-художественнэ стилым
къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилым
446. Задание {{ 482 }} ТЗ 246 Тема 9-0-0
ЩIэныгъэлIхэм я къэхутэныгъэхэм кърикIуахэр къызэраIуатэ бзэм къыщагъэсэбэп
публицистическэ стилым
офицальнэ- деловой стилым (Iуэху зэрызэрахьэ стилым)
литературнэ-художественнэ стилым
научнэ стилым
къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилым
447. Задание {{ 483 }} ТЗ 247 Тема 9-0-0
Газет, радио, телевиденэм щыгъэува, щызекIуэ псалъэкIэхэм хэунэтIауэ щытщ
публицистическэ стилыр
офицальнэ- деловой стилыр (Iуэху зэрызэрахьэ стилыр)
литературнэ-художественнэ стилыр
научнэ стилыр
къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилыр
448. Задание {{ 484 }} ТЗ 248 Тема 9-0-0
Газет очеркхэр, репортажхэр, спортым теухуа комментариехэр, митингхэм, собранэхэм къыщыпсэлъэныгъэр хохьэр
научнэ стилым
офицальнэ- деловой стилым (Iуэху зэрызэрахьэ стилым)
публицистическэ стилым
литературнэ-художественнэ стилым
къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилым
449. Задание {{ 485 }} ТЗ 249 Тема 9-0-0
Деловой тхылъхэр зэрытха бзэр (заявление, автобиографие, нэгъуэщIхэри) хохьэ
публицистическэ стилым
научнэ стилым
офицальнэ- деловой стилым (Iуэху зэрызэрахьэ стилым)
литературнэ-художественнэ стилым
къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилым
450. Задание {{ 486 }} ТЗ 250 Тема 9-0-0
Зыгуэрым зыгуэркIэ зыхуигъэзэным е хуиIуэтэным хуэунэтIауэ щытщ
публицистическэ стилыр
офицальнэ- деловой стилыр (Iуэху зэрызэрахьэ стилыр)
литературнэ-художественнэ стилыр
научнэ стилыр
къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилыр
451. Задание {{ 487 }} ТЗ 251 Тема 9-0-0
Образ къэгъэщIахэр тхыгъэм къеджэхэмрэ къедаIуэхэмрэ я гурыгъу-гурыщIэхэмрэ гупсысэхэмрэ зэхригъэщIэныр и мурадщ
публицистическэ стилым
научнэ стилым
офицальнэ- деловой стилым (Iуэху зэрызэрахьэ стилым)
литературнэ-художественнэ стилым
къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилым
452. Задание {{ 488 }} ТЗ 252 Тема 9-0-0
Махуэ къэс зыхэт гъащIэм къыщагъэсэбэп псэлъэкIэщ
публицистическэ стилыр
офицальнэ- деловой стилыр (Iуэху зэрызэрахьэ стилыр)
литературнэ-художественнэ стилыр
научнэ стилыр
къызэрыгуэкI псэлъэкIэр е нейтральнэ стилыр
Адыгэхэм я фIэхъусхэр, абыхэм я мыхьэнэр
453. Задание {{ 304 }} ТЗ 253 Тема 10-0-0
Зэманыр пщэдджыжьу зэхуэзамэ жаIэрт:
Уи махуэ фIыуэ!
ПщэддджыжьыфI тхьэм къуит!
Уи пщэдджыжь фIы ухъуI!
Уи пщэддджыжь фIыуэ!
454. Задание {{ 305 }} ТЗ 254 Тема 10-0-0
ВакIуэм щыбгъэдыхьам деж жаIэ:
Шхуошх апщий!
Бов апщий!
Бохъу апщий!
Бощ апщий!
455. Задание {{ 306 }} ТЗ 255 Тема 10-0-0
Мэкъу еуэ, гуэдз зых, нартыху къыдэзыкI бгъэдыхьамэ жаIэ:
Шхуошх апщий!
Бов апщий!
Бохъу апщий!
Бощ апщий!
456. Задание {{ 307 }} ТЗ 256 Тема 10-0-0
Зыбгъэдыхьар Iэщыхъуэу, е Iэщ щаIыгъ уэтэру щытмэ жаIэ:
Шхуошх апщий!
Бов апщий!
Бохъу апщий!
Бощ апщий!
457. Задание {{ 308 }} ТЗ 257 Тема 10-0-0
Зыгуэр ищэу ирихьэлIамэ жраIэ:
Хъер пхухъу!
ФIыкIэ улажьэ!
Угъурлы тхьэм пхуищ!
УасафIэ тхьэм пхуищI!
458. Задание {{ 309 }} ТЗ 258 Тема 10-0-0
Сату зэдэзыщIа тIур зохъуэхъуж:
Хъер пхухъу!
ФIыкIэ улажьэ!
Угъурлы тхьэм пхуищ!
УасафIэ тхьэм пхуищI!
459. Задание {{ 310 }} ТЗ 259 Тема 10-0-0
Сымэджауэ къэтэджыжьам жраIэ:
Фэбжь хъуами, тхьэм лажьэ имыщIкIэ!
ФIэхъусыж!
Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!
Щхьэузыхь пхухъу!
460. Задание {{ 311 }} ТЗ 260 Тема 10-0-0
Гъуэгу тетар къэсыжамэ, жаIэ:
Фэбжь хъуами, тхьэм лажьэ имыщIкIэ!
ФIэхъусыж!
Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!
Щхьэузыхь пхухъу!
461. Задание {{ 312 }} ТЗ 261 Тема 10-0-0
Удын игъуэтауэ, е и къупщхьэ къутауэ, е уIэгъэ хъуауэ щIэупщIакIуэ хуэкIэуэмэ жаIэ:
Фэбжь хъуами, тхьэм лажьэ имыщIкIэ!
ФIэхъусыж!
Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!
Щхьэузыхь пхухъу!
462. Задание {{ 313 }} ТЗ 262 Тема 10-0-0
Зи жэм, вы, шы лIам жраIэ:
Фэбжь хъуами, тхьэм лажьэ имыщIкIэ!
ФIэхъусыж!
Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!
Щхьэузыхь пхухъу!
463. Задание {{ 314 }} ТЗ 263 Тема 10-0-0
ХъыбарыфIкIэ е IуэхугъуэфI гуэркIэ ягъэгуфIар мэхъуахъуэ:
ГуфIэгъуэ кIыхь тхьэм фхуищI!
ГуфIэгъуэ куэд тхьэм къуит!
ФIыгъуэу щыIэр тхьэм къыпхуищIэ!
Уи псалъэ фIыкIэ уIыгъ!
464. Задание {{ 315 }} ТЗ 264 Тема 10-0-0
Нысэ къэзыша унагъуэм йохъуэхъу:
ГуфIэгъуэ кIыхь тхьэм фхуищI!
ГуфIэгъуэ куэд тхьэм къуит!
ФIыгъуэу щыIэр тхьэм къыпхуищIэ!
Уи псалъэ фIыкIэ уIыгъ!
465. Задание {{ 316 }} ТЗ 265 Тема 10-0-0
Зи псэлъэгъу и псалъэ зэпызыудам жеIэ:
Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу!
Си Iэр фIыкIэ ныIусэ!
ФIыгъуэу щыIэр тхьэм къыпхуищIэ!
Уи псалъэ фIыкIэ уIыгъ!
466. Задание {{ 317 }} ТЗ 266 Тема 10-0-0
Зи псэлъэгъум зи Iэр жьэхэуа цIыху гъэсам жеIэ:
Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу!
Си Iэр фIыкIэ ныIусэ!
ФIыгъуэу щыIэр тхьэм къыпхуищIэ!
Уи псалъэ фIыкIэ уIыгъ!
467. Задание {{ 318 }} ТЗ 267 Тема 10-0-0
Шхэуэ щысым, щысхэм щабгъэдыхьэкIэ жаIэ:
Фи ерыскъы убахъуэ!
Фи хьэлэлщ!
Щэрэ лырэ фхухъу!
Жэнэт шхын хуищ!
468. Задание {{ 319 }} ТЗ 268 Тема 10-0-0
Ягъэшхар мэхъуахъуэ:
Фи ерыскъы убахъуэ!
Фи хьэлэлщ!
Щэрэ лырэ фхухъу!
Жэнэт шхын хуищ!
469. Задание {{ 320 }} ТЗ 269 Тема 10-0-0
ЛIа гуэрым папщIэ ят, псэм щхьэщатыкIым хуэдэ гуэрхэр зыхуахьам жаIэр:
Фи ерыскъы убахъуэ!
Фи хьэлэлщ!
Щэрэ лырэ фхухъу!
Жэнэт шхын хуищ!
470. Задание {{ 321 }} ТЗ 270 Тема 10-0-0
Фадафэ гуп яхыхьамэ жаIэ:
Упсэу апщий!
Гуп махуэ апщий!
ФIэхъус апщий!
Уэршэр фIохъу апщий!
471. Задание {{ 322 }} ТЗ 271 Тема 10-0-0
Зыгуэр зыфIэкIуэдам жраIэ:
Уи насып тхьэм химыхкIэ!
Пхуэщын тхьэм къуитыж!
И хъер тхьэм уигъэлъагъу!
Уи щхьэузыхьщ!
472. Задание {{ 323 }} ТЗ 272 Тема 10-0-0
Зэманыр пщыхьэщхьэу зэхуэзамэ жаIэрт:
Уи махуэ фIыуэ!
Уи пщыхьэщхьэ фIыуэ!
Пщыжьэщхьэф1 тхьэм къуит!
Уи пщыхьэщхьэ фIы ухъуI!
473. Задание {{ 324 }} ТЗ 273 Тема 10-0-0
Зэманыр махуэу зэхуэзамэ жаIэрт:
Уи махуэ фIыуэ!
Уи махуэ фIы ухъу!
МахуэфI тхьэм къуит!
МахуэфI апщий!
474. Задание {{ 325 }} ТЗ 274 Тема 10-0-0
шууит1 гъуэгум щызэблэк1мэ сэлам зэрахырт:
«гъуэгужь, апщий!»;
«бов, апщий!»;
«уи махуэ ф1ыуэ!»;
«гъуэгу махуэ!».